Лъагъуныгъэр щ1ы1эм сф1есыр
Закъуэныгъэм щ1игъэнащ...
К1э имы1эу уэс къытосэ,
Лъэнк1ап1эншэу къигъэнащ...
Ар щ1охъуэпсри хуэбэжыну,
Щ1ы1э уаер хутемыху.
Гъатхэр дэнэ къитхыжыну?
Лэгъупыкъури хъуащ хуэмыху.
И щхъуэрэцыр джэрэзауэ
Къару лъэпкъ къыхэмына!
Акъужь щ1ы1эм щ1игъэпщауэ,
Хуабэ лъыхъуэу къытф1энащ!
Пшэ гуэрэнхэм дэ дыхоплъэ,
Тф1эщ1у дыгъэ хэтлъэгъуэн!
Псэ к1эзызыр гъатхэм поплъэ-
Лъагъуныгъэм щ1игъэкъуэнт…
Уэ мыл джанэ лъыпт1эгъами,
Щ1ы1э къихур къэзгъэтк1унт…
Ауэ си гур мывэ хъуащи,
Дыгъэ бзийхэм къагъэтк1ун?!…
Къыщыщ1ар сыт лъагъуныгъэм,
Согъэхуабэ, щ1ы1эм сф1ес.
Дауэ едмыдзами лыгъэ,
Ди хуабагъыр лъэмы1эс...
23.07.2022гъ
Сочинение плохих стихов делает человека намного счастливее, чем чтение самых распрекрасных стихотворений.
(Герман Гессе)
#псэмиусэхэр #усэ #хабез #хабезскийрайон
#горянка #лъагъуныгъэ #щ1ы1э
Свидетельство о публикации №122072304473