Тхьэлъэ1у

Къыхызошри дыгъэм бзий1уданэ,
Нызогъэхьыр сигук1э уихъумэну.
Лэгъупыкъур къызоубыд ит1ани,
Сыпхуолъэ1у, си щ1алэ, пхуэмахуэну!

Зэщ1ызокъуэ пщыхьэщхьэ нэмэзри,
Сэ абыкIэ Тхьэшхуэм сыкъуоувэ:
Хэку хъумак1уэ къулыкъу зыщ1э псоми,
Шэтемыхуэ дыуэ ар хуэсщ1ыну!

Анэ нэпсхэр къремых зэгуэрым!
Нызогъэхь Тхьэлъэ1ухэр фыкъахъумэну!
Гъуэгугъэлъагъуэ фыхуащ1ащ зэманми,
Тхьэшхуэ лъагъуныгъэр тыхь фхуэхъуну!

28.06.2022гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина

#псэмиусэхэр #анэм_и_тхьэлъэ1у #анэгу #усэ #къулыкъу #хэку_хъумак1уэ #хабез #горянка #ВСО #Донбасс #Z #Za_пацанов #тхьэлъэ1у


Рецензии