Гъащ1э-жьызэпеуэ
Ди щ1эблэр дауэ пхущысынт?!
Дуней къутэжыр и гукъеуэу
И Хэкум дауэ епц1ыжынт?!
Хэку зауэ тхыдэр зэздзэк1ыжхэу
Укрофашистхэ! Кхъахэ хъун!
Сыт хуэдэ НАТО фызыщыгугъхэр?
Дыгъужь мэлыхъуэ къыфхуэхъун?!
Хэтщ дзапэ гъыбзэу ди гукъеуэм
Донбасс мыхъумыщ1эу щывгъэхъар -
Щ1ыбагъ фочауэу, жьым фхутеуэу,
Джатэ гъэпщк1уакъэ фыухуэнар?!
Къокъуалъэ щ1ылъэр шэ гъэпщтауэ!
Лъы гъажэу щ1ыпсэр щызэпхаш…
Гъуэгу нэшэкъашэу, къуэшук1 зауэу,
Нацистхэм 1эщэр тыгъэ хуащ1.
Россиер нобэ щ1ыуэпс псыхъуэу,
Зэры-Европэу зыщагъэнщ1.
Хьилэнапэншэу "дыгъужь мэлыхъуэм",
Хэ1убэ щ1ык1эу зыщегъэпск1!
Зэкъуэтщ Россиер! Зыщ гукъеуэр!
Гъунэгъуу НАТО-м зелыгъуэж!
Ди щ1эблэм гъащ1э-жьызэпеуэм
И пщэдей махуэр щехъумэж!
17.05.2022гъ
@Мадина Гошокова
Свидетельство о публикации №122051701748