Ажэгъуэмэ

Уэс щ1агъым, гъатхэпэ нэщэнэу,
Щогъагъэ, къыщок1 ажэгъуэмэр.
Щ1ымахуэм ирихыу сэламыр,
Щэху-щэхуу къыхедзэ макъамэр.

Щ1ы щхьэфэм дыгъэпс къедэхащ1эм,
Гугъэщ1эу къритыр ф1эмащ1эу,
Уэс хъарым, гъатхэпэр и дамэу,
Къыхопщ удз гъэгъахэр 1эрамэу.

Вагъуэбэр абы е1ущащэу,
Абдж щ1ак1уэм къыпхоплъыр дахащэу.
Сытхъу губгъуэр хуэхъуащи и гущэ,
Мамыру уэрэдыр хупещэ.

Джабэшхуэм и нэк1ур игъаф1эу,
Борэныр щещ1 шэчыгъуаф1э.
Мэзае диям ебзэрабзэу,
Гукъанэ псор щегъэкъабзэ.

Уэс щ1агъым гур егъэнэхур,
Дахагъым псэр егъэпсэхур.
Егъэк1уэтэжри щ1ымахуэр,
Жре1э гуапэу:"Гъуэгу махуэ!"

Губгъуэ уэс упщ1эм щылыду,
Ар изогъэщхь дыщэидэм.
Гъатхэпэ хущхъуэ! Гугъап1эу,
Ухуохъу лъагъуныгъэм и плъап1э!


06.02.2022гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии