Усэ к1эщ1
Уэрэд макъамэр гъыбзэу щэщэжащ.
Щхьэзакъуэныгъэр гущ1эм щызэщыджэу,
Си гъащ1э нап1эдэдзейгъуэм плъыр хуэхъуащ.
Къысхуэпщ1у тыгъэ дунейшхуэ ф1ыгъуэр,
Къыстепсэт дыгъэу уэ уи лъагъуныгъэр.
Угъащ1э мащ1эу-сытуи мащ1эт ди насыпыр?!
Лэгъунэ лыгъэр ещхьти усэ к1эщ1 уэздыгъэм...
P.S.
...сыхуеякъым си усэбзэр гъыбзэ хъуну,
Мазэншэ гъатхэу гъащ1э мащ1эр есхьэк1ыну...
05.01.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №122010600605