Усыгъэ щыгъэу усэбзэ дыгъэ
Си гущ1э лъащ1эм къыщыт1эп1ам.
Усэбзэ тхыгъэр си бын шыр дыгъэу,
Абгъуэп1эм хуэдэщ илъэтык1ам.
Усыгъэ лъахэр нэхулъэ пщ1ыхьу,
Тхылъымп1э напэу гущап1э схуохъу.
Сигъэп1ейтеймэ - сытелъэщ1ыхьу,
Си пкъынэлынэм щызек1уэ щохъу.
Схуохъу щысхуэгъагъэ жыгыщ1эу гущ1эр,
Фоупсри нэпсу гум къыщигъык1.
Усэбзэр шэсу лъыр кърихуэк1ыу,
Уэгу къабзэр убзэу щызэщ1ищык1.
Къытригъэзэжурэ къроуджэк1ри,
Псысэ пшынэбзэу пшэплъым лъо1эс.
Зэнзэныпс псалъэу си псэм къыхок1ри,
Тхылъымп1э жьант1эм фащэу щошэс.
26.12.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №121122605387
