Щ1ы1э Дадэм и таурыхъ

Зэщ1эц1ыуэу, ф1ыгъуэк1э гъэнщ1ауэ,
И махуэшхуэщ "Сабий саду "Сэтэней"-м.
Таурыхъ мыухыжым зэщ1ищтауэ,
Зэщ1элыдэу, зэщ1опщ1ыпщ1э псейр!

Щ1ы1э Дадэр нобэ я тхьэмадэу,
Сабий ц1ык1ухэр къофэ, къащ1ыр джэгу.
Я 1э щабэ ц1ык1ухэр 1эщ1этк1ухьу,
Илъэсыщ1эм зэдыхашыр гъуэгу.

Кърегъэсри, уришэсу уэсыр,
Дежьыужу уэрэд яхуеус.
Зэщымыщу саугъэтхэр изу,
И шыгу 1эжьэр уафэ гъунэм нос.

И таурыхъым хохьэ, хозэрыхьхэ.
Мэз псей дахэри зэщ1олыдык1.
Саугъэтхэм къауфэрэзыхьхэ.
1эрымыщ1хэщ. Ц1ууэ гупымык1щ!

Кхъы1э, псынщ1эу феплъыт бажэжь ц1ык1ум!
И хьилагъэр ирехьэл1э псейм.
Тхьэ1ухудщ, Уэс Пщащэу, Гуащэ ц1ык1ур,
Мыщэ пелуаныжьри имыхь жейм.

Науэжь Удыжь ц1ык1ури нэ ик1ащи,
Къелъэтыхь, дыхьэшхыу, псей хъурейр.
Тхьэк1умэк1ыхь ц1ык1ухэр худэплъейуэ,
Псей дыжьыным хуащ1ыр ислъэмей.

Таурыхъ мыухыжым зэщ1ищтауэ,
Зэщ1олыдэ, зэщ1опщ1ыпщ1э псейр!
Зэщ1эц1ыуэу, ф1ыгъуэк1э гъэнщ1ауэ,
И махуэшхуэщ "Сабий саду "Сэтэней"-м.


25.12.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии