Щ1ы1э Дадэ

Щ1ы1э дадэу нобэ ди тхьэмадэ,
Зэпымыууэ, сф1эф1у уэ сыноплъ!
Си 1эр щабэу 1эщ1отк1ухьыр уи 1эм,
Жьак1э хужьым, башым, къэпым соплъ.

Уи таурыхъым сыхохьэ. Сыхозэрыхьыр.
Уи псей дахэр тхузэщ1олыдык1.
Саугъэтхэм сыкъауфэрэзыхьыр.
1эрымыщ1хэщ. Ц1ууэ гупымык1щ!

Къыбогъэсыр уришэсу уэсыр,
Удежьууэ уэрэд тхубоус.
Зэщымыщу саугъэтхэр изу,
Уи шыгу 1эжьэр уафэ гъунэм нос.

Таурыхъ мыухыжу зэщ1эпщтащи,
Зэщ1олыдэ, зэщ1опщ1ыпщ1э псейр.
Зэщ1эц1ыуэу, ф1ыгъуэк1э бгъэнщ1ащи,
И махуэшхуэщ "Сабий саду "Сэтэней"-м.

22.12.2021гъ

*1эрымыщ1 саугъэтхэр - нерукотворные игрушки


Рецензии