Адыгэбзэр гум и абгъуэщ!

Адыгэбзэр гум и абгъуэщ!
Анэп1алъэу къыддалъхуащ!
Дыщ1иупск1эу, сабиигъуэр
Гущэпс быдэу тхуихъумащ.

Тхуещ1ыр гъащ1эр лъагъугъуаф1э,
Ди нартыбзэм нур къыпех.
Лъахэ дыщэм нэф1эгуф1эу,
Ф1эхъус гуапэхэр ирех!

Хьэуам хэтщи сыробауэ,
Дэсшеиху зыщызмыгъэнщ1.
И беягъыр схуохъур жьауэ-
Хэкужь набдзэщ! Абгъуэ куэщ1щ!

Си бзэгупэм къытелъэтмэ
Ар гупсысэ сурэтыщ1щ!
Си 1эпкълъэпкъым зэрыхэтыр
Зэхызощ1э!Псэуэ с1утщ!

Насыпыф1эу сигъэф1ащи,
Схуохъу быдзышэ, сещ1ыр лъэщ.
Схуегъэпагэ, схуегъэлъагэ,
Си гупсысэхэр схуешэщ1!

Адыгэбзэр гум и абгъуэщ!
Ар гъунэншэу схурепсэу!
Узимы1эм сыдамэншэщ,
Тхьэм нартыбзэр тхуигъэпсэу!

12.11.2021гъ

II ВАРИАНТ (во множественном числе)

Адыгэбзэр гум и абгъуэщ!
Анэп1алъэу къыддалъхуащ!
Пшынэ 1эпэу, дыгъэ-щыгъэу,
Гущэпсбыдэ ар тхуэхъуащ.

Тхуещ1ыр гъащ1эр лъагъугъуаф1э,
Ар нартыбзэщ! Нур къыпех!
Лъахэ дыщэм нэф1эгуф1эу,
Ф1эхъус гуапэхэр ирех!

Хьэуам хэтщи дыробауэ,
Дэтшеиху зыщыдмыгъэнщ1.
И беягъыр дыщэ жьауэщ!
Хэкужь набдзэщ! Абгъуэ куэщ1щ!

Ди бзэгупэм къытелъэтмэ
Мэхъу гупсысэ сурэтыщ1!
Ди 1эпкълъэпкъым зэрыхэтыр
Зэхыдощ1э! Псэуэ д1утщ!

Насыпыф1эу дигъэф1ащи,
Мэхъу быдзышэ, дещ1ыр лъэщ.
Тхуегъэпагэ, тхуегъэлъагэ,
Ди гупсысэхэр тхуешэщ1!

Адыгэбзэр гум и абгъуэщ!
Ар гъунэншэу тхурепсэу!
Удимы1эм дохъу дамэншэ,
Тхьэм нартыбзэр тхуигъэпсэу!

@Mаdina Goshokova - Dzhumaeva


Рецензии