Къэнжал зауэ - Канжальская битва
Лъэныкъуит1ми 1упщ1 яхуохъу -
Зэзэуэнущ! Къару лъэщщи
Зауэ-ублэ Хъаныр мэхъу...
Къаплъэн-Джэрий ифыщ1ыну
Къэбэрдейм х.уегъэшыр и дзэр.
Нэхъуейншэщ, гъэр ищ1ыну
Зэщ1егъэстыр тырку-кърымыдзэр.
Къебгъэрык1уэу щызэхуозэ,
Ди Тхьэ лъап1э, мыупщ1ы1уж!
Дзит1ыр япэу щызэхуоуэ
Iуащхьэмахуэ лъапэ деж.
Хьэк1экхъуэк1эу кърымыдзэр-
Мин пщ1ий (80 тыс) хъухэу узэдащ.
Жыжьэрыуэхэу топыдзэр-
Лъапсэрыхыу уэн щ1адзащ.
Ауи нэсыркъым минипщ1ым (10 тыс)
Пэщ1эува къэбэрдейдзэр.
1эмал гуэр къамыгупсысмэ
Пэлъэщынукъым бийдзэм.
Жыжьэрыплъэ нэхъыжьыф1хэр,
Чэнджэщмахуэ яхуэхъуащ:
Кърым зауэл1хэр ди бгырысхэм
Балъкъ аузым щхьэщашащ.
... Хъан - дзэзешэм къыхуридзми
1уащхьэмахуэ и шэрэз,
Щыуагъэшхуэ къы1эщ1ощ1э -
Жэщ жейп1эр мытэрэз…
Лъахэ к1ыф1ым зыщагъэпщк1уу,
Шыд щищ(300)щэхуу кърок1уэк1.
Мэкъу 1эмбатэхэр трапхауэ,
Къэнжалыбг «жэщ теуэу» док1.
Мэкъухэм маф1э бзийр к1эщ1адзэ-
Бий хэщ1ап1эм хагъэлъадэ.
Бэлэрыгъыу жей тыркудзэм,
1уейхэу, шыдхэр жьэхуолъадэ.
Къаполъэлъыр маф1э хъуэск1хэр-
Кърым дзэзешэхэр гужьеящ.
Хъуреягъ зэрыхь-зэрийм,
Къэнжалыкъуэр зэщ1ищтащ.
Ди шуудзэр яхолъадэ!
Бийм шынащи зимыщ1эж.
Кърым аскэрхэр зэрогъащтэ,
Гужьеяуэ зэроук1ыж.
Адыгэл1хэр зэры1ыгъыу,
Ебгъэрык1уэу, ялъ ящ1эж!
Зэтраупщ1атэ! Зэтраук1э!
Мин пщ1ий (80 тыс) хъууи кърамыдзэж.
Къэнжалыкъуэу лъыр щагъажэм,
Ф1эщыгъэц1эри яхъуэж:
«КЪАН ЖОЛ» - жэуэ тэтарыбзэм,
«ЛЪЫ ГЪУЭГУ» - адыгэбзэм къок1!
Кърым минитхум нэхъ къэмынэу
Нэхущ вагъуэр тафэм блок1.
Хъан – дзэзешэр, къамыщ1эну,
Нэгъуей зищ1ри зигъэпщк1уащ.
Я1уэтэжыр: адыгэл1хэм,
Кърым мурзэхэр гъэр ящ1ащ.
Зауэм хэта тэтар уэркъхэр,
Къэнжалыкъуэ дэк1уэдащ.
Зи пэр паупщ1а кърымыл1ыр,
Хъыбарзехьэу яут1ыпщжащ.
Топ пщык1упл1 з1эрагъыхьауэ
Къэбэрдейхэр бийм тек1уащ!
«Уей, Адыгэ! Уей!» - щ1ыжа1эр,
Псыуэ лъыр мыжэбзэжынырщ!
«Уей, Адыгэ! Уей!» - щ1ыжа1эр
Дыхэмышыпсыхьыжынырщ!
Щы1агъэнкъым Къэнжал зауэм
Хуэдэу зауэ упщ1этэк1э!
Зым ищ1эжкъым Къэнжал зауэм
Хуэдэу гуауэ лъы гъэжэк1э!
25.10.2021гъ
Хъан Къаплъэн – Джэрий - Кърым - тыркудзэм и дзэзешэщ.
Свидетельство о публикации №121102601562