Нэхъыжьыф1хэм я хъуэхъу

Щ1ЭБЛЭЩ1Э ГЪЭСАК1УЭУ
ДИ ТХЫДЭМ ХУЭПЭЖХЭ!
ДИ НЭХЪЫЖЬЫФ1ХЭМ ДЫНЫВОХЪУЭХЪУ!
*****

Хъыбарыжьхэр зи жьабзэу уэрэдыжь зи 1эпэгъу,
1уэху щхьэпэм и пашэу ди чэнджэщэгъу!
Къуажэр згъэбжьыф1эу Шэрджэсыр згъэдахэ!
Быныф1хэм я къурту нартыбзэр згъэлъап1э!
Дэ купщ1эу, бзэ 1эф1у, ди гурыф1ыгъуэ,
Зи псэр псынэпсу гъунэгъухэм я дыгъэ!
Пхуохъуахъуэ уи лъахэр - хуопагэ уи щ1ыхьым,
Уи пщэдей махуэр и гурыф1ыгъуэщ!
Тхьэшхуэм долъэ1у, уи ц1эр лъагэу до1эт!
Гукъыдэж, лъэнк1ап1эф1 узыншагъэ  къыуит!
Дзажэ дакъэр уи 1усу, жьант1ащхьэр бгъэбжьыф1эу,
ТХЬЭМ ф1ыр къыуипэс, хъуэхъуф1 къыплъигъэс!

21.10.2021г
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ

Зи л1ахэр згъэгуф1эн, зи псэухэр гуф1эгъуэ щызымыгъэщ1эн,зи псалъэ акъыл къызыхахын,акъыл зыхэлъ псалъэ жызы1эфын, зэ1ущ1эмэ сэлам дахэ зэ1ызыхын Тхьэм дищ1!


Рецензии