Бжьыхьэ дыщафэ

Бжьыхьэ дыщафэу
Лэжьыгъэр щызэщ1акъуэж.
Лъэхъэнэ гуак1уэу
Мэкъу 1этэр щрашэл1эж.
И зэманыгъуэу
Щынэхэр щрахул1эж.
Бжьыхьэ тхъуэплъыфэу
Жыгхэм зыщапхъэхыж.

Дэ куц1 щы1эф1у
Шы гуартэр бгым щимыхуэж.
П1астэр щаупщэф1у
Пщ1ащэхэр къыщыпыхуж.
Хуэбап1эм яунэт1у
Пц1ащхъуэхэр уэгум щихьэж.
Лъэхъэнэ дахэу
Гъэ к1уахэр зэхуэзыщ1ыж!

Псэхэр дэбжьыф1эу
Батэ гъэшынри щаух.
Жэщ к1ыхьхэр дэгуф1эу
Хадэхэм зыщагъэпсэху.
Ф1ым дыщыгугъыу
Щ1ыуэпсым нэр щигъэдахэ.
Пхэлъщи удыгъэ
Жыгыщхьэхэр уогъэдахэ.

Упыгуф1ык1ыу
Уэ уогъэк1уасэ гъэмахуэр.
Зэрыджэ гуак1уэк1э
Къыбогъэблагъэ щ1ымахуэр.
Пщ1ащэ удж къафэк1э
Къыбошыр макъамэ щэху.
Дыщэ тхъуэплъыфэк1э
Жыг хадэхэр уогъэнэху!


25.09.2021гъ


Рецензии