Адыгэ

Адыгэу зи нит1ыр дэхащ1э,
Дэхащ1эу зыхуейр зыщ1эж!
Хъуэн лъэпкъ зыхуримыгъэщ1ыу,
Шыбг ису зи лъахэр зымыхъуэж!

Адыгэу къыщалъхум и фащэу,
Псэм и пэ напэр изыгъэщ!
Насып джанэр хуэфащэу,
Л1ыгъэм хуэпабгъэу хуэлъэщ!

Биидзэр пхырызупщ1ык1ыу
Зи сэшхуэр зымыут1ыпща.
Зи л1ыгъэм, бгы джэрпэджэжк1э,
И макъыр щызэпаха.

Дзэ псом къахуимык1уэту,
Лъэрыхьу бийм пэщ1эта.
Щ1агъщ1элъ л1ыгъэ хэмыту,
Бийм удын езыдза.

Зи псэр псынэпсу къабзащэу,
Зи бзэу - нартыбзэр зыхъумэж.
Къик1уэтыншэ гъуэгу занщ1эу,
Вагъуэ пщык1ут1у заужь.

1э к1уэц1ыр зи бгыу, Адыгэ!
Зи бгъэгур шэрхъыу хъурей!
Л1ыгъэр зи нэгум хуэдыгъэ,
Гупсэху ирехъуж уи пщэдейр!

24.09.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
 


Рецензии