Сабий саду Сэтэней - уэрэд

1. Сабиигъуэм и къежьап1эу
   Уи пшынэбзэм нур къыпех.
   Сабий саду хъуам уеф1эк1ыу
   Насыпыбжэр зэ1убох.

Ежьу:
Зи бзэр щабэу "Сэтэней",
Сабиигъуэм и дуней!
Анэп1алъэу "Сэтэней",
Саду щы1эм уралей!

2. Удигъусэщ жэщи махуи,
   Анэп1алъэ утхуэхъуащ.
   Сэтэней гъэгъауэ гъащ1эм
   Хьэл-щэныф1хэр къытхэплъхьащ.

Ежьу:
Гущ1агъщ1элъу "Сэтэней",
Удз гъэгъахэм уралей!
Си псэм хуэдэу "Сэтэней"!
Хъугъуэф1ыгъуэм и дуней!

3. Удз гъэгъахэм урадыгъэу
   Махуэ къэс укъытхуоупсэ.
   Нартыпхъу гуащэу уи дахагъэм
   Къытхелъхьэжыр адыгэпсэ.

Ежьу:
Зи бзэ щабэу "Сэтэней",
Лъыбот1агъэ лъэхъстэн лъейр!
Саду щы1эм уралей,
Удж къыбдещ1 Адыгэ Цейм!

4. Дыбгъэгушхуэу сытым щыгъуи
   Уэ ди гъащ1эм ухэхьащ.
   Хабзэ дахэу - адыгагъэр
   Уэ дыбгъащ1эу гъуэгу хэпшащ.

Ежьу:
Анэп1алъэу "Сэтэней",
Сабиигъуэм и дуней!
Си псэм хуэдэу "Сэтэней",
Саду щы1эм уралей!

14.09.2021гъ


Рецензии