Бжьыхьэ тхъуэплъу пщ1ащэпыху

Бжьыхьэ тхъуэплъу пщ1ащэпыху,
Къепшэжьауэ уощ1 удж пыху.
Сытуи дахэ уи гъуэжьыгъэр,
Махуэр гуапэм, уафэр бзыгъэм!

Утхуэбэвщ, утхьэмбылыфэщ,
Хуэдыщафэщ уэ уи плъыфэр!
Бжьыхьэ махуэр мыхуэмыху,
Ди тхъэжыгъуэу дотхъ нартыху.

Тхьэпэ гъуэплъхэм зи фок1адэу,
У1эгу ущ1щи псэр уохьэху.
Зыщызгъэнщ1къым уи жыг хадэм,
Дыщэплъ пщ1ащэ уэ п1эпоху.

Псэр щ1одэ1у уи жьыбгъэ щабэм,
Бжьыхьэ тхъуэплъу пщ1ащэпыху.
Нэр топлъызэ уи пшыхь хуабэм,
Укъофэк1ыр уэ удж пыху.

05.09.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ

Бжьыхьэурэ бжьыхьэ дыщафэ,
Бжьыхьэ тхъуэплъ,
Бжьыхьэ махуэу Тхьэм укъытхуихь!
Бжьыхьэ тхъуэплърэ
Бжьыхьэ бэву,
Ди лэжьыгъэхэр къехьэл1эжыгъуаф1э тхуищ1урэ
Нартыху щхьэмыжхэр къызэгуитхъыу,
Бжьыхьэ махуэу,
Бжьыхьэф1у Тхьэм укъытхуихь!

Дызэрыхъуахъуэр бэвыгъэщи,
Утхуэбэвылъэу,
Уи дыщафэм лъэужъыф1 къыщинэу,
Умыкъиину,
Мыгъуэлэгъуасэу,
Губгъуэхэм уещэбэк1ырэ
Лэжьыгъэм егуэпэк1ыу,
«Бжьыхьэф1ти!» – жа1эмэ,
«Бжьыхьэ махуэти аращ!» – жа1эжу.
ЩIымахуэпэм урилъэнк1ап1эу,
Бжьыхьэ махуэу Тхьэм укъытхуихь,
Ди жылэри жылэ 1ыхьэф1эхэм ящыщ Тхьэм тхуищ1!


Рецензии