Хьэт хабзэ адыгагъэ

ХЬЭТ ХАБЗЭ адыгагъэр къа1этыжу,
Хабзэжь ипкъ итк1э къуэпсхэм зы защ1ыжу,
Жыг лъабжьэ лъынтхуэхэр къызэдэкъуалъэу,
Гупсысэ хэтхэщ нобэ зы пшыналъэу.

Ат1э, анэбзэк1э ди лъэпкъым 1уэху хуэтщ1эфмэ,
Хьэтыжь и щапхъэхэм дыщ1эувэжыфмэ,
Къэк1уэнумрэ блэк1амрэ зэпытщ1эфмэ,
Тхьэ хабзэу лъэпкъ ешам и1уэтэжынти!

Щэн дахэр зи 1эужь шэрджэс щ1ыналъэ,
Сыщ1охъуэпс мамыр-хуэразэ уэсшэк1ыну!
Лъэпкъ щхьэмыгъазэм и шагъдий пшыналъэу,
Зэкъуэш-зэкъуэтхэм зэдэт1уэтэжыну!

22.08.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии