Хъыринэ
Изогъащ1э ар хъыринэ.
Щ1ызоупск1э - къысхуик1ыжкъым,
Мэдыхьэшх, сызэхихыжкъым.
"Си шыпхъу ц1ык1уу щхьэц баринэ,
Ирикъуху уещ1ащ хъыринэ,
Къопсэпсауэ, къошхыр уэшх!",-
Езы ц1ык1ур мэдыхьэшх.
Зэполъэлъыр жьгъыру макъыр-
Уафэм пшэхэр зэбгыреху.
Къыщ1ощыж гуф1эжу дыгъэр,
Си шыпхъу ц1ык1ум нур къыпех!
Дыгъэ-щыгъэщ, мыгъыринэ,
Псом нэхъ дахэу щхьэц баринэ.
Щ1ызоупск1э уи хъыринэр,
Абгъуэринэу-Дыху баринэ!
15.08.2021гъ
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №121081506019