Щ1ЫГУ 1ЭМЫЩ1Э - Хьэбэч Умар и фэеплъу
Хуопабгъэ сытк1и мамырыгъэм!
Зэрыхуэфащэу адыгэл1ым,
Щапхъэгъэлъагъуэ хъуащ уи л1ыгъэр!
Щ1эх дыдэу къоджэ хьэрэхьупыр
Уи ц1эр ири1уэу... гур мэуз…
Щ1элабзэу тхок1 комбат лъэрыхьыр -
Мэгу1э анэр! Щ1ыр мэгыз!
Илъэс пщык1убгъум ухуэпабгъэу,
Шыщхьэмыгъазэу зепхьэт л1ыгъэ!
Щхьэхуит къэпщ1а Свирь, Венэ дэсхэм
Л1ы нэсу уабж иджыр къыздэсым!
Щыптам уи гъащ1эр комбат хахуэу,
Зик1, ф1ыщ1э жыги ухуэмейт!
Ущыхуок1уадэ Венэ - Лъахэр
Насыпк1э хъуным папщ1э бей!
"Зы щ1ыгу 1эмыщ1э – адыгэщ1у!",-
Мэпыхьэ анэр – нырегъэхь…
Ныбжьэгъухэм тралъхьэ щ1ыгу 1эмыщ1эр,
Уи кхъащхьэм Венэ - Щ1ыр тогъыхь!
Уи адэжь лъахэм ухуэл1ыщ1эу,
Лъэпкъ тхыдэм уи ц1эр къыхэнащ,
Ухуэпэжащ уэ щ1ыгу 1эмыщ1эм!
Уи л1ыгъэр щапхъэу бгъэлъэгъуащ!
Хэку ху*итыныгъэм ущ1эбэну
Къыпхуащ1а дзыхьыр бгъэпэжащ.
"Хьэбэч Умар Л1ыхъужь ц1эры1уэ!"-
Уи щ1ыхь хьэкъыпэу бгъуэтыжащ.
10.08.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
ХЬЭБЭЧ УМАР къыщалъхуа илъэси-100 махуэм ехъул1эу
К 100 летию со дня рождения Героя Советского Союза, гвардии капитана УМАРА ХАБЕКОВА
Свидетельство о публикации №121081403414