Нэ гъуэжь ц1ык1уу дадийщхьэху-желтоглазая ромашка
Дыгъэ бзийхэр - йодэхащ1э.
Псэм хэпщ1ауэ нэ гъуэжь ц1ык1ухэм
Я къапщ1ийхэр мэщ1эращ1э.
Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэм я пшыналъэр,
Псыхъуэм дэнэк1и къыщо1у.
Хьэрхьуп шырхэр зэрылъэлъу,
Дадийщхьэхухэм Тхьэ хуолъэ1у:
"Нэ гъуэжь ц1ык1уу дадийщхьэху,
Къыуахьэл1э псом я щэху.
Инжыдж бжьэпэр угъэнэхуу,
Зэш умыщ1эу псэр уохьэху".
Лъагъуныгъэм дзыхь хуэзмыщ1хэм,
Уи жэуапыр зым памыщ1.
Хужь чэсей къапщ1ийр къафыщ1мэ,
Я гухэлъхэр уощ1ыр 1упщ1.
Хущхъуэу пхэлъым и хьэтырк1э,
Уохъу сымаджэм и теп1эн.
Зы къапщ1ий къыптемынэжыхук1э,
Лъагъуныгъэм ущ1обэн.
Къэсфыщ1ынукъым къапщ1ийр -
Удз гъэгъар схуэщ1ынкъым къуий.
Топсэр япэ лъагъуныгъэм,
Дэдийщхьэху 1эпл1ак1уэр дыгъэу.
29.07.2021гъ
*Дадийщхьэху - ромашка
*Къапщ1ий - лепесток
*Хьэрхьуп - кукушка
Свидетельство о публикации №121072903959