Лъэтеувэ хъуэхъу

Тхьэлъэ1уп1э лъэтеувэ-
Нану ц1ык1ур гъуэгу техьащ!
Хьэлу1энэр худоубэ-
Угъурлыуэ гъуэгу хишащ!

Къытеувэ псыхъуэ мывэм,
Адэжь лъахэр Тхьэ пхуолъэ1у!
Ди сабийр лъэ быдэ пщ1ыну
Тхьэшхуэ лъап1э, дынолъэ1у!

Итщ уэтыкум 1энэ ц1ык1ур-
1эмэпсымэхэм къыхэх!
Бэут1эуншэу, мыджэлэну
Ухъу! Мэжаджэм лъахъэр трех!

Улъэбыдэ къимык1уэту!
Упсэбыдэ бэры1уатэу!
Пхура1уатэхэр ф1ы защ1эу,
Тхьэм уи гъуэгур махуэ пхуищ1!

Лъэтеувэр яхуигъаф1эу,
Пшынэ макъыр ину къо1у.
Зэполъэлъ къэфак1уэр маф1эу,
Къофэ «Ислъэмей», «Зэфакъ».

Тхьэлъэ1уп1э лъэтеувэ-
Нану ц1ык1ур гъуэгу техьащ!
Хьэлу1энэр худоубэ-
Угъурлыуэ гъуэгу хишащ!

P.S.
/хъыджэбз ц1ык1ум/

Бдыр мыт1эп1ыу, 1эпщ1элъапщ1эу,
Уи 1ущагък1э ц1ыху уахэ1уэу!
Адэжь лъахэм урил1ыщ1эу,
Насып защ1э Тхьэшхуэм уищ1!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
08.07.2021гъ


Рецензии