1энэ лъакъуищ ц1ык1у

Хъурейуэ 1энэ лъакъуищ ц1ык1ум
Сыусак1уэм схуэусэнт!
Адыгэ шхыныгъуэу щы1эр
Семызэшу сгъэбжьыф1энт!

Дунейм теткъым зы щ1ыналъи
Шхын къыуатк1э къыттек1уэн!
И 1эф1агък1э, и къэбзагък1э
Ди пщэф1эк1эм пэувыфын!

Джэд шыпс тхъуэплъыр къыуат хъужу,
Шхынхэм жьант1эу къащхьэщытщ.
Нартыху п1астэм псэр ихьэхуу,
1энэ лъакъуищ ц1ык1ум тетщ.

Пщэдджыжьышхэм тетщ кхъуейжьапхъэр,
Унэ гуащэхэм яупщэф1.
Мырамысэм хуэжы1эпхъэщ,
Псэм и хущхъуэщ, лъэнк1ап1эф1щ.

Кхъуей хьэлывэр сыт и уасэ?!
1ум итк1ухьыу бэрэчэтщ!
Тхьэвхьэлыуэм сыхуоусэ,
Бжьэ фоупсу хьэлэмэтщ!

Хъурейуэ 1энэ лъакъуищ ц1ык1ум
Сыусак1уэм схуэусэнт!
Адыгэ шхыныгъуэу щы1эр
Семызэшу сгъэбжьыф1энт!


30.06.2021гъ


Рецензии