Гъэмахуэ-гъэмахуэпежьэ удж
Сыппоплъэ, насып вагъуэр зи гуращэ!
Хыбош удзыпц1э лъагъуэхэр, гъуэгу махуэу,
Гъатхэк1эм хупыбощэ удж дахащэ!
Сыппоплъэ си бзэ дахэмк1э, Гъэмахуэ!
Мазэщ1э ц1ык1уу тахътэм зыкъыбош!
Вагъуэбэ жэщым щэхуу уедэхащ1эу,
Псынэпсхэм удж къебгъэщ1ыу гъуэгу пхыбош.
Сыпхоплъэ си бзэ дахэмк1э, Гъэмахуэ!
Жьэражьэу дыгъэ бзийхэм зыкъаплъыхь-
Зыкърашэк1ри щ1ым, мыкъару махэу,
Къуэлэну джабэ нэк1ур зэхалыхь.
Согъагъэ уи бзэ дахэмк1э, Гъэмахуэ!
Дыгъэ макъамэм гум зыщегъэпсэху.
Пэрымэу къуак1эбгык1эхэм къыпихым,
И ф1эхъус гуак1уэм щ1ылъэр къегъэнэху!
30.05.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
*************
Гъэмахуэ
Дыгъэ жьэражьэр зи щхьэщыгу Гъэмахуэ!
Пэрымэ удзхэр насып вагъуэу зи гуращэ!
Хыбош удзыпц1э лъагъуэхэр, гъуэгу махуэу,
Гъатхэк1эм хупыбощэ удж дахащэ!
Уэ зыбогъаф1э уи бзэ дахэмк1э, Гъэмахуэ!
Мазэщ1э ц1ык1уу тахътэм зыкъыбош!
Вагъуэбэ жэщым щэхуу уедэхащ1эу,
Псынэпсхэм удж къебгъэщ1ыу гъуэгу пхыбош.
Дахагъэ псори зи джэбын Гъэмахуэ!
Лэгъупыкъу дэхащэ бзийхэм зыкъаплъыхь-
Зыкърашэк1ри щ1ым, мыкъару махэу,
Къуэлэну джабэ нэк1ур зэхалыхь.
Удз гъэгъа губгъуэр зи теп1эн Гъэмахуэ!
Дыгъэ макъамэм гум зыщегъэпсэху.
Пэрымэу къуак1эбгык1эхэм къыпихым,
И ф1эхъус гуак1уэм щ1ылъэр къегъэнэху!
Свидетельство о публикации №121053003292