Щ1эблэщ1эр зыхъумэныр бзэщ!

Уэ сыпхуоусэ - си Анэбзэ!
Дамэншэм, бзури ибэ хъурейщ.
Си дамэу си Анэбзэ! Си псэ!
Схуэмей уэрыншэу зы дуней!

Сохъуапсэ, уафэм сыщыхуарзэу,
Дыщэпск1э си бзэр щистхыхьын.
Щошэс тхылъымп1эм ар хуэразэу,
Яхуохъу бзу шырхэм дыщэ шхын.

Пшэ хужь 1эрамэхэм я усэр,
Псынэпс мэкъамэр зыщlэдэ1ущ.
Удж пыхук1э къафэм-псэм лъэ1усу,
Къалъхуа мазэщ1эм хуэдэкъэпсщ.

Къегъэхъури, сытри толlыкlыжыр.
Мычэму хуэдэщ - Ди бзэр псэщ!
Лъабжьэншэ лъэпкъхэр щык1уэдыжым -
Щ1эблэщ1эр зыхъумэныр бзэщ!

...Пызощэ нобэ стхыну усэ-
Усэншэм - сэ сы-ибэ хъурейщ.
Схуэпсэу, си Адыгэбзэ! Си псэ!
Сыхуэмей уэрыншэу зы дуней!

10.05.2021гъ

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии