Си гъатхэ удз пэрымэ

Зегъаф1э гъатхэм - удз пэрымэу мэщ1эращ1э,
Щ1эщыгъуэурэ къуэлэну зыкъехуапэ.
Ф1ылъагъуныгъэу зыхеубгъуэ удз гъуэгу напщ1эм,
Щогъагъэ мэзшэдыгъуэу къурш лъагап1эм.

Щхьэгъубжэм удз пэрымэу къытоу1уэ,
Къэзмакъыу щощ1эращ1э псыхъуэ щхъуант1эм.
Маитхъу удз плъыжьу Тхьэшхуэм ирил1ык1уэу,
1эзэгъуэ хущхъуэу итщ мэкъуп1э-хъуп1эм.

Бжьэ ц1ык1ухэм удз пэрымэм кърах фоупсу,
Гъатхэмэу къытхуоупсэ уафэхъуэпск1ыр.
Къущхьэхъу шей удзу, къабзэу зэнзэныпсу,
Ф1ылъагъуныгъэр щэхуу къыде1уэк1ыр.

Зегъаф1э гъатхэм...

04.05.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ

*********

Гъатхэ удз пэрымэ

Зегъаф1э гъатхэм - удз пэрымэу мэщ1эращ1э,
Щ1эщыгъуэурэ къуэлэну зыкъехуапэ.
Дыгъэпсу зыхеубгъуэ удз гъуэгу напщ1эм,
Щогъагъэ мэзшэдыгъуэу къурш лъагап1эм.

Щхьэгъубжэм удз пэрымэу къытоу1уэ,
Къэзмакъыу щощ1эращ1э псыхъуэ щхъуант1эм.
Маитхъу удз плъыжьу Тхьэшхуэм ирил1ык1уэу,
1эзэгъуэ хущхъуэу итщ мэкъуп1э-хъуп1эм.

Бжьэ ц1ык1ухэм удз пэрымэм кърах фоупсу,
Гъатхэмэу къытхуоупсэ уафэхъуэпск1ыр.
Къущхьэхъу шей удзу, къабзэу зэнзэныпсу,
Зэщ1эгъэгъа джэбынхэр къыдешэк1ыр.

Зегъаф1э гъатхэм...

******

ГЪЭМАХУЭ

Гъэмахуэр удз пэрымэу мэщ1эращ1э,
Щ1эщыгъуэурэ къуэлэну зыкъехуапэ.
Ф1ылъагъуныгъэу зыхеубгъуэ удз гъуэгу напщ1эм, 
Щогъагъэ мэзшэдыгъуэу къурш лъэгап1эм.

Щхьэгъубжэм удз пэрымэу къытоу1уэ,
Къэзмакъыу щощ1эращ1э псыхъуэ щхъуант1эм.
Майтхъу удз плъыжьу Тхьэшхуэм ирил1ык1уэу,
1эзэгъуэ хущхъуэу итщ мэкъуп1э-хъуп1эм.

Бжьэ ц1ык1ухэм удз гъэгъахэм кърах фоупсыр.
Лэгъупыкъук1э къытхуоупсэ уафэхъуэпск1ыр.
Къущхьэхъу шей удзу, къабзэу зэнзэныпсу,
И хущхъуэхэр пэрымэу къыде1уэк1ыр.

04.05.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина

*Гъуэгу напщIэ удз - придорожная трава;
*Мэзшэдыгъуэ – дикая вишня;
*Къэзмакъ – облепиха;
*Удз плъыжь (гын плъыжь) - илъэсит1к1э къэк1 удз хущхъуэ. И лъабжьэр майтхъук1э ягъавэурэ у1эгъэхэм, маф1э сыгъэхэм тралъхьэ. Адыгэхэр куэд щ1ауэ иро1эзэ (чернокорень лекарственный).


Рецензии