Анэдэлъхубзэр си сабийбзэщ! Адыгагъэ-Адыгэ нып

Анэдэлъхубзэр си сабийбзэщ!
Си1эщ насыпу - бзэр с1эщ1эвмых!
Анэ быдзышэу си адыгэбзэ!
Ар си лъэнк1ап1эщ - си лъэр сщ1эвмых!

Ди лъахэ дыщэм хьэуа щызепщэм,
Псэр игъэтыншу тхуохъу гукъыдэж!
Адыгэщ1 дыгъэм хэлъ адыгагъэр
Хъунут тхэлъамэ дэ нэхъыбэж!

Псынэпсу къабзэу ди адэжь хабзэм,
Бланэурэ лъэщу гъащ1эр тхуе1эт!
Ди жьауэ дахэу адыгэ ныпыр,
Дыщ1эгушхук1ыу лъагэу до1эт!

25.04.2021гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии