Мазэншэ гъатхэ
Гъащ1эр си псэ гъатхэм къоныкъуэкъу.
Зым псэзауэу ар хуэпшагъуэщ,
Зым хухешыр насып лъагъуэр,
Тхьэшхуэ, мы си гъатхэм хуэщ1 гущ1эгъу.
Къытхуэхъуапсэу вагъуэхэм заущэхут,
Хьэршыр къыздэгъагъэт сып1уплъэху.
Си щхьэр дахэу дэуназэт
Гугъэ жьабзэу уи хъурыбзэм,
Сытк1э насып куэщ1 дызэхуэхъунт?!
ЕЖЬУ:
Лэгъупыкъуу къэунэхуащи,
Инжыдж щ1ы1эм зыхадзауэ
Си гухэлъхэм, си гухэлъхэм псым зыхагъэпск1ыхь.
ШЫЩХЬЭЖЬ бгыщхьэр пшэплъым холыдык1,
Гъатхэ губгъуэр нэк1э щ1ызощык1.
Мы си гъащ1эм хэпшащ лъагъуэ,
Жэщ мазэншэм узивагъуэщ,
Закъуэныгъэ усэу сигу къогъык1.
Мазэм сы1уплъэхук1э сигу укъок1,
Плъыфэ хужьу щхьэфэр иротхъуэк1.
Мазэрщ дэ ди1ар фэеплъу,
Уигу сыкъэк1мэ абы еплъи
Си мазэншэ гъатхэр хэплъэгъуэнщ.
ЕЖЬУ:
ШЫЩХЬЭЖЬ губгъуэм и акъужьым
Хегъэгъуащэ ди лъэужьхэр.
Гува гъатхэм и гухэлъхэм мазэр толъэщ1ыхь.
Псыхъуэм къыдо1ук1ыр жэщ бзу макъ,
Гъащ1эр си псэ гъатхэм къоныкъуэкъу.
Зым псэзауэу ар хуэпшагъуэщ,
Зым хухешыр насып лъагъуэр,
Тхьэшхуэ, мы си гъатхэм хуэщ1 гущ1эгъу…
21.04.2021гъ
Шыщхьэжь (Конская голова) - гора в западном направлении на расстоянии 3 км от а.Хабез.
Свидетельство о публикации №121042107878