Насып бзу

Къэк1уэну махуэм и насып бзу,
Сытри хуоусэ уи макъ жьгъырум.
Дыгъэпс лэрыпсу, налкъут дахащэу,
Гъатхэмэ къэятэу псэм уодэхащ1э.

Ф1эхъус къыуихыу, си насып бзу,
Жызум шагъыру Инжыдж уожьу.
Хьэршыр мэгъагъэ-щ1одэ1у уи пшыналъэм,
Дыщэ саугъэту насып щ1ыналъэм.

Зэ сыз1угъаплъэ, си насып бзу,
Уи жьауэ хъарыр Тхьэшхуэ къару.
Нур къыпщхьэщихым гъыбзэр щхьэщеху,
Уи плъэк1э гуапэм сыхъэр къыпех.

Дзапэ уэрэдхэр хущхъуэу къыщипшк1э,
Мазэри, дыгъэри къыпщ1одэ1ук1.
Уи дамэ лъэщхэр уафэ лъэныкъуэщи,
Дызэдэгъэхуарзэ - устемыплъык1.

P.S.
Уэрыншэм, зы щ1ып1и сыщремы1э!
Си нап1эр зэтесхыу зысхуэмыплъыхь.
Къытегъэзэжурэ си ц1эр схужы1э,
Уигу хэдэхэплъэр т1эк1у къиу1эху!

20.09.2020гъ


Рецензии