Вагъуэщыгъэ удж
Жэщ бзу уэрэдым симыгъэжей.
Мазэщ1э ц1ык1ур хуэдэщ нысащ1эм,
Си псэр мэусэ - имы1э жей.
Вагъуэщ1э щыгъэхэр къызэ1ущащэу
Ищхъэрэвагъуэм усэ схуеус.
Гурыщ1э щэхур схуагъэщ1эращ1эу,
Къырыщхьэ лъагэм, лыду щошэс.
Нэр зэтызоп1э - жэщым къефыхьыр,
Ди зы пщыхьэщхьэ нэгу къыщ1охьэж.
Мыхъужмэ сыхуейкъым нахуап1э пщ1ыхьыр,
Гущ1эр зыщыщ1эр 1эпэм ятхыж:
Ди гухэлъ мэзым, лэгъунэ псысэу,
Жэщым щыхуарзэу зыхегъэпск1ыхь.
Гукъуэпс п1ейтейхэр, хуэдыжьыныпсу,
Налкъутналмэсу щ1ылъэр къафыхь.
Дыкъыбдэуджу, шыхулъагъуэ хуабэ,
Вагъуэзэшиблыр бзыгъэу къонэху.
1эпл1эу къысхуэпщ1хэр, вагъуэбэ щабэу,
Гурылъ макъамэм къыздеущэху.
Вагъуэбэ пшыхьыр къызодэхащ1э,
Жэщ бзу уэрэдым симыгъэжей.
Мазэщ1э ц1ык1ур хуэдэщ нысащ1эм,
Си псэр мэусэ - имы1э жей.
20.08.2020гъ
***Ищхъэрэвагъуэ - Полярная Звезда
***Шыхулъагъуэ – Млечный путь
***Вагъуэбэ – Созвездие Дельфина
***Вагъуэщыгъэ – Южная корона
***Къырыщхьэ - вершина скалы, утёса
***Вагъуэзэшибл – Большая Медведица
МАКЪАМЭ ЗЫЩ1ЭТЫР
Вагъуэбэ пшыхьыр къызодэхащ1э,
Пшыналъэ дахэм симыгъэжей.
Мазэщ1э ц1ык1ур хуэдэщ нысащ1эм,
Си псэр мэусэ - имы1э жей.
Вагъуэщ1э щыгъэхэр къызо1ущащэ,
Ищхъэрэвагъуэм усэ схуеус.
Гурыщ1э щэхур схуагъэщ1эращ1эу,
Къырыщхьэ джабэм лъагэу щошэс.
Нэр зэтызоп1э - жэщым къефыхьыр,
Вагъуэбэ пшыхьыр схуохъу гукъыдэж.
Мыхъужмэ сыхуейкъым нахуап1э пщ1ыхьыр,
Ди зы пщыхьэщхьэ нэгу къыщ1охьэж:
Ди гухэлъ мэзым, лэгъунэ псысэу,
Жэщым щыхуарзэу зыхегъэпск1ыхь.
Ехъуапсэм псэк1э, хуэдыжьыныпсэу,
Налкъутналмэсу щ1ылъэр къефыхь.
Къоуфэрэзэк1ыр шыхулъагъуэ хуабэр,
Вагъуэзэшиблыр бзыгъэу къонэху.
1эпл1эу къысхуэпщ1хэр, вагъуэбэ щабэу,
Гурылъ макъамэм къыздеущэху.
Вагъуэбэ пшыхьыр къызодэхащ1э,
Жэщ бзу уэздыгъэ, умыхъу нэщхъей!
Мазэщ1э ц1ык1ур хуэдэщ нысащ1эм,
Си псэр мэусэ - имы1э жей!
Свидетельство о публикации №120082000346