Жэуапыншэ лъагъуныгъэ

Лъагъуныгъэ гуащ1эр къупщхьэ зауэу,
Си гурыщIэм бамп1эу щоп1ейтей.
Пщащэ гуак1уэ, дыгъэ-щыгъэ закъуэ,
Сып1уплъэхук1э щхьэ уэ унэщхъей?
Насып куэщ1ыр бжыхьым щырапхыфмэ,
К1апсэр зэщ1эскъузэурэ щеспхынт.
Хабзэ гуэр щы1эххэу къыхэпхыфмэ,
1эпэгъу дахэ си псэм ухуэсщ1ынт.

Теплъэ гуак1уэу уэсэпс тк1уэпс дахащэ,
Си гухэлъхэр узохьэл1э, уей.
Хуэдэу пц1ащхъуэ ц1ык1ухэм уе1ущащэ,
Нэхущ вагъуэу псэр богъэп1ейтей.
Напэху шатэ ц1ынэу къруупщэ,
Фащэм я нэхъ дахэр зи хьэл щэн.
Хы тхьэрыкъуэ пщэхуу, си дахащэ,
Сремы1э мылъку уэ пхуэзмыщ1эн.

Гъащ1э гъуэгуу насып зэхэк1ып1эм
Уи жэуап къэсщ1эну схулъэмык1.
Ди насыпыр здытхуабгына щ1ып1эм,
Хъудырыпсми ди дзэр тху1уещ1ык1.
Лъагъуныгъэ гуащ1эр къупщхьэ зауэу,
Мы си гущ1эм бамп1эу щоп1ейтей.
Пщащэ гуак1уэ, дыгъэ-щыгъэ закъуэ,
Си мазэгъуэ ц1ык1у, умынэщхъей.



30.06.2020гъ


Рецензии