Мастэр гуауэщ - мастэр гуапэщ!

Мастэр гуауэщ, мастэр гуапэщ,
Бгъэлэжьэфмэ мастэр бейщ.
1эпщ1элъапщ1эр пц1анэ хъункъым,
Дыщэр и 1эм хуэкъулейщ.

Бзыхьэху пабжьэм хадзэжари,
Дак1уэм фащэу къыхехыж.
«Хэт бей, дахэ?» - щыщ1эупщ1эм,
«Мастэр бейщ!» - жэуап къетыж.

Зыте1эбэм псэ къы1уок1э,
Фащэ бдым - 1уданэ хуохъу.
Шуу гъуэгурык1уэм бзыпхъэ трехри,
Бзыпхъэ пщ1ым-бзыхьэхуэ хуохъу.

1эпэ гуахъуэр мастэ 1эшэщ,
Мыдэф - бзэгу 1уданэ к1ыхьщ.
Шатэм ар хуэбзаджэу йощэ,
Сытк1э бзэн? Лэныстэр хьэхущ!

Мастэр гуауэщ, мастэр гуапэщ,
Бгъэлэжьэфмэ мастэр бейщ.
1эпщ1элъапщ1эр пц1анэ хъункъым,
Дыщэр и 1эм хуэкъулейщ.

Бжьэ здыдэсым фори дещ1э,
Бзурэ пэт абгъуэр ещ1ыж!
Бэ1уэ нэхърэ дауик1 бэщ1э,
Бжьыхьэ дыгъэм тхъуэпс трек1эж!

27.06.2020гъ


Рецензии