Нэщэнэ нэхъыщхьэхэр
Ц1ыху акъылыф1эхэм щэхуу къаупсэлъ.
•Къащымыхъушхуэхэм заф1эц1ыхушхуэу
Нэщыпхъуэ хьэрэму я гъащ1эр зэхэлъщ.
•Гум хыхьэ усэхэр псэм и уэрэдщи,
Дзапэ уэрэдхэр зыусар къамыщ1эф.
•Гъущ1ыпсэ гукъитхъыр акъылк1э нэкъитхъщи,
Напэ хьэлэлхэр егъэпудыф.
•Л1ыхъужь нэхъыщхьэм ды1уощ1э дымыщ1эу,
Гъащ1эм и нур лэгъупыкъухэр тхуредз.
•Дзыхь ехьэл1ап1эу, уи ныбжьэгъу пф1эщ1у,
Узыхуэсакъыпэм мыл джафэм уредз.
•1ит1 зэрыубыдмэ ущибгынэжу,
Фыгъуэр и гущхьэм зик1 щымыгъуж.
•Дамэ къыптек1эм къыпк1элъыбгэжу,
И жып куу хъуамэ и фэм зехъуэж.
•Лъэнк1ап1эр щ1еудри, уи ныбжьэгъу нэпц1щи,
Дыгъужьри нэхъ щыпкъэу къыпхущ1ок1ыж.
•Еф1ак1уэм ефыгъуэу зи гугъэхэр ф1ыц1эм,
Къатиблк1э спэжыжьэ щ1ым щретхъэж...
•Насып жьэгу щ1ып1эр унэ домбейкъым!
Дыгъэр щыгъагъэу зы пщ1ант1э ц1ык1ущ!
•Нану щумып1мэ-зык1и убейкъым!
Угъурлы пщ1ант1эм дэзщ къуэрылъху ц1ык1у!
16.06.2020гъ
Свидетельство о публикации №120061707024