Уэсэпс розэ

Уэсэпс тк1уэпсу розэм содэхащ1э,
Гу щызмыхуэу гъащ1эр хэк1уэтащ.
Лъагъуныгъэу зыкъыщызыбгъащ1эм,
Банэу пхэлъхэр си гум къыхэбнащ.

Розэ дахэу сигу зыщыхэбубгъуэм,
Гугъэр к1уэдри, гуауэр зэхэсщ1ащ.
Схущ1егъуэжкъым, уилъщ иджыри си бгъэм,
Лъагъуныгъэ къабзэу укъинащ.

Схъуэжкъым си гурылъхэр, ар си жагъуэщ,
Схуощ1эращ1э сыкъыщ1игъэщ1ам.
Сыпхуезэшмэ, пхухэзгъанэу вагъуэ,
Розэ банэхэр си гущхьэм щыгъэгъащ.

15.06.2020гъ


Рецензии