Адэжь къуршхэм я нэпс

Си адэжь лъахэу зи тхыдэ гуауэ,
Нобик1 къуршыжьхэм ящ1эж уи гукъеуэр.
Псынэ къыщ1эжхэр уи нэпсу къогъых,
Залымк1э уи Хэку ирашахэм тогъыхь.

Тенджыз ф1ыц1эжьым хагъэгу1ыхьрэ,
К1уэдыжыпэнхэу бзэр 1эщ1ахыжрэ,
Хэджэгухьыпэу адыгэ лъэпкъым,
Щракъухьакъэ хамэщ1хэм уи жэпкъыр.

Гущ1ыхьэ гъыбзэр щагъэшыр, маф1эсу
Зи гъащ1э щ1ы хамэ щек1уэк1хэм, хэхэсу.
Бланэ щалъхуа йок1уэл1эжри, уи къуэпсхэр,
Хъужынхэщ зы лъахэ, гуф1эгъуэ нэпсу.

Уи тхыдэм гущ1ыхьэу итынущ убыххэр.
Ужьыхыжынкъым зэрахьа л1ыгъэр.
Къыттепсэхунк1э Кавказым и дыгъэр,
Афэрым! Псэунущ убыххэ фи л1ыгъэр!

Хамэщ1 хэхэсхэу адыгэ къуэпсхэр,
Зэдэт1уэтэжу къеблагъэжынхэщ!
Тхыдэ гукъеуэр 1эщ1ыб къытхуэхъужу,
Адэжь щ1ыналъэм къуэбын щыхъужынхэщ!


17.05.2020гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии