Блэк1а зэманхэм сроплъэж

Блэк1а зэманхэм сроплъэж, зыгуэрхэм сык1элъоплъыж.
Гъуэгуанэ к1ыхькъым къытездзар, нэщхъейхэщ си блэк1ар...
Щыхъуным - мэхъу, къэхъуныр - къохъу! Сыт сэ хузи1эмалт?!...
Сыздэщыуам сыщымыуэж! Си гугъэхэм схоплъэж!

"Сыхьэт гъуэгу махуэ" зыф1эсща гукъеуэр соут1ыпщыж,
Зэ1эбэк1ыж - къытегъэзэж хэмыту зэплъэк1ыж.
Тхьэлъэ1у хъуэхъубжьэ къыдо1эт, къэнэхуу ди пщэдейр!
Мамыр къытхуехь, мэхъу бэрэчэт, яублэ ислъэмейр!


22.12.2019гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина

Разве солнце светит мне сегодня для того, чтобы я раздумывал о вчерашнем дне?...
@ Фридрих Шиллер


Рецензии