Гущэхэпхэ хъуэхъу
Къыппащ1ынкъым зыри уэ нэхъ тынш!
Мис, сыхъуащи сэри Нанэ Гуащэ,
Дзапэ гущэ уэрэд къыпхузош.
Щ1ызоупск1э щабэу уи гущэкъур,
Уи куэщ1 ныпхуислъхьащи дзэдзу 1эф1.
Зэпымычрэ, быдэ тхуэщ1 гущэпсыр,
ТХЬЭШХУЭ лъап1эм щымыщ1эу и нэф1!
Анэм и быдзышэр уощ1 жей быдэ,
Джэду тыншу нанур уогъэхъей.
Укъыщытщи жылэм и жьэнт1ап1эу,
Пхупегъанэ дзыгъуэ джанэм жейр.
Хуабэу, мамыр дыгъэ насыпыф1эр,
Йохъуэхъу уи къуапипл1ым, гущэп1эф1:
Уи курых щрап1ык1а ц1ыхуф1у,
Кърехъу зыхуаусэу уэрэдыф1!
Адыгэ нэмысым ирибжьыф1эу,
Бегъымбарыр гуапэу зэхъуэхъун!
Адыгэ хуэразэр зи жьауэф1у,
Лъабжьэ быдэ къуэпсу къытхуэхъун!
27.04.2020гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №120050306062