Бжьыхьэ
Удз гъэгъахэр дыгъэм щогуф1ык1.
Лъагъуныгъэ нэпц1у къэгъэгъащи,
Уа1уплъэхук1э гущ1эр къоупщ1ы1ук1...
Хуабэм къытригъазэу къэмыхъуами
Шэмыгъапц1э жэщ къоуфэрэзэк1...
Лъагъуныгъэ нэпц1ым псэр ихьэхуми...
Япэ уэсыр бжьыхьэм кърехьэк1...
02.11.2019гъ.
Бжьыхьэр мащ1эу тек1уэтык1ри удз гъэгъахэр зэрыгъагъэм къахукъуэплъащ ...нобик1 япхъыжакъым абыхэм я пщ1ащэ дахэр...уеблэмэ, уэс щ1агъым щогъагъэ...щабэу 1э зэдалъэ... уэсым и чэзур гурегъа1уэ...удз гъэгъауэ гущ1эр къоупщ1ы1ук1...
Свидетельство о публикации №120042111041