Удз гъэгъамрэ уэсымрэ зок1упсыр...

Зэщ1элыдэу щ1ым зытришэщ1ащи,
Уэсым удз гъэгъахэр пхресык1.
Къыщ1игъык1ыр сыт мы си гур щ1ы1эу?
Удз 1эпл1ак1уэр жьыбгъэм зэблетхъук1.

Удз гъэгъахэм уэсыр йо1ущащэ,
Гуапэу тхьэмпэ дахэхэм лъо1эс.
"Щы1экъым уэр нэхърэ нэхъ дахащэ,
Уи щ1алэгъуэр щ1ы1эм йомыгъэс."

Пщ1ант1эм къыщызгъэк1 удз гъэгъа дахэм,
Зым имыщ1эу уи ц1эр сэ ф1эсщащ.
Си гум и 1унк1ыбзэр щомыгъуэтым,
Жьыбгъэм уэс зэрихьэу бут1ыпщащ...

Удз 1эпл1ак1уэм щызогъэпщк1ур нэпсыр,
Япэм ещхьу уэсым сыщогуф1ык1.
Удз гъэгъамрэ уэсымрэ зок1упсыр,
Жьы зэпепщэм нэпсыр щ1елъэщ1ык1...



08.02.2020гъ

@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии