Къэсащ щ1ымахуэр

Къэсащ щ1ымахуэр! Гуапэу пыгуф1ык1ыу,
Хужь упщ1эгъуджэу зыкъыдишэк1ащ!
Зигъэщ1эращ1эу, дахэу къыщ1эплъык1ыу,
Уэс щабэрык1уэу къыдэгуэпэк1ащ.

Мис, цы1эрылъхьэу щ1ылъэм трипхъыхьащи,
Щысхь лъэпкъ хэмылъу, уэсыр зэредзэк1.
Нэрынэ ц1ык1ухэр дыщэидэу зэщидащи,
Архъуанэ шылэхъару иредэк1.

Щ1эфийхьыжу щ1ым зыкъырешэк1ри,
Зигъэфэрыщ1у, тхуещ1ыр упщ1э лъэгу.
Гум телъ гукъеуэр хуэму ток1уэтык1ри,
Иудэу уэс 1эрамэм ироджэгу.

Къэсащ щ1ымахуэр! Гуапэу пыгуф1ык1ыу,
Хужь упщ1эгъуджэу зыкъыдишэк1ащ!
Зигъэщ1эращ1эу, дахэу къыщ1эплъык1ыу,
Уэс щабэрык1уэу къыдэгуэпэк1ащ.


19.11.2019гъ.


Рецензии