Илъэсыщ1э хъуэхъу

Адэжь и лъахэм дызэхуэгуапэу,
Илъэс къэблагъэм бжьэ худо1эт.
Гъащ1эр тхуэ1эф1у, ди Тхьэшхуэ лъап1эм,
Долъэ1у къытхуихьыну рэхьмэт - бэрэчэт.

Шхын л1эужьыгъуэхэр 1энэм щобжьыф1э:
Джэд лыбжьэр, п1астэр, жьант1эм ща1эт!
Бахъэр щхьэщытщи щынэл зызгъаф1эм,
Выбжьэу, фо сыхъэ мэхъсымэр къа1эт!

Губгъуэхэр бэву, ди хъушэр щыбагъуэу,
Бэрэжьей гущэу дыщалъхуа Хэку!
Зауэ дымыщ1эу, дыщыщ1эращ1эу,
Гъагъэ, еф1ак1уэ, адыгэ жьэгу!

Щхьэц етхъуэк1ахэр уаем зэрихьэу
Илъэс т1урысэр хуэму ток1уэт.
Мыбзэщхъуу Тхьэ Хабзэр щ1эблэщ1эм зэрахьэу,
Хуохъуахъуэ нэхъэжьхэр!
Мэхъсымэ я1эт!

Жьыбгъэм уэс хужьыр хуэму зэрехьэ,
Пшыналъэ щабэу псэр къогуф1ык1.
Хьэщ1э къытхуэк1уэу, хъерк1э дызэхыхьэу,
Лодан насыпыр Тхьэм тхухидык1!

Щ1эблэр пэрыту, нэхъыжьхэр тщхьэщыту,
Щапхъэф1хэр зи хабзэ, адыгэ Хэку!
Хэхъуэр хъуэпсап1эу, гъуэгу пэжыр ди к1уап1эу,
Шыгъуп1астэр щыубагъуэ, адыгэ жьэгу!


23.12.2019гъ.
@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии