Дывгъэхъумэ адыгэбзэр!
Ирипсалъэ ди бзэм, адыгэщ1!
Хабзэр игъэдахэу, и нартыбзэр
1урылъыжу псалъэр - адыгэл1щ!
Адыгэбзэм ирипагэу дыгъэр,
Адыгэпсэ къуршхэм 1эпл1э *х*уе*щ1.
Тхыдэр, ирибжьыф1эу и беягъым,
Лъахэ дыщэм и уэрэд къреш!
Къалъхуагъащ1э щынэм ещхьыркъабзэу,
1эф1рэ гуапэу, 1ум къы1уролъэлъ.
"Сыт нэхъ щы1э уэ нэхърэ нэхъ къабзэ?!
Ди анэдэлъхубзэ, зэрылъэлъ!"
Псатхьэу анэп1алъэщ! Дывгъэхъумэ!
Ди адэшхуэхэм тхуахъумэфащ!
Щ1эблэр дихьэхынущ! Бзэм дехъумэ!
Адыгэщ1ым бзыпхъэ фащэу лъат1эгъащ!
14.03.2020гъ
Свидетельство о публикации №120042110612