Адыгэ пшынэ

Си псэ лэрыпсу, адыгэ пшынэ!
Анэдэлъхубзэм дыхуэгъэсакъ.
Ди бзэр к1уэдынк1э сф1ощ1ри сошынэ,
Уи 1эпэр щ1эуэу к1уэдыжмэ уи макъ.

Нэхулъэ вагъуэу, адыгэ пшынэ!
Адыгэ ныпым дыхуэгъэсакъ.
Бэракъ жьауэншэ хъунк1э сошынэ,
Дызэкъуэувэжу демыжьуумэ уи макъ.

Налкъутналмэсу адыгэ пшынэ!
Ди адыгэшым  дыхуэгъэсакъ.
Уанэншэ хъунк1э сф1ощ1ри сошынэ,
Зэхимыхыжмэ пшыналъэ макъ.

Сызыхуэхъуну къурмэн си пшынэ!
Солъэ1у, ди ФАЩЭМ дыхуэгъэсакъ.
Хамэм и бзыпхъэ хуэхъунк1э сошынэ,
Зэхимыхыжмэ ислъэмей макъ.

Си куэщ1ым  уитщи уносыр уафэм!
Дыгъэмрэ мазэмрэ уогъэп1ейтей!
Вагъуэ пщык1ут1у ди нып дыщафэм,
Адыгэ пшынэ, пхуещ1 ислъэмей!

Адыгэ фащэм, ди адыгэбзэм!
Адыгэ тхыдэм, ныпым хуэсакъ!
Хъункъым уанэншэ ди адыгэшыр,
Адыгэ пшынэ, щ1этмэ уи макъ!

20.04.2020гъ


Рецензии