Анэгум щ1ыр къегъэнэху
Дахагъэм дунейр ехьэху!
Дэтхэнэ зымк1и ар нахуэщ,
Анэгум щ1ыр къегъэнэху!
Жеиншэ жэщхэм уэздыгъэу,
Гущэкъум нуру къыхуопс.
И лъагъуныгъэр хуэбзыгъэу,
Хуохъу быдэ дыдэу гущэпс.
Фыхъумэ анэ гукъуэпсхэр,
Мамыр дыгъэпсым и тк1уэпсщ!
Ирехъу жьыщхьэмахуэ я тхъугъэр!
Фхуэ1эф1! Къремых я зы нэпс!
Анэр ди1эху ди щ1алэгъуэщ,
Щ1эщыгъуэу дыгъэр къытхуопс!
Лъагъуныгъэшхуэм и махуэщ,
Щ1ым ажэгъуэмэр къыхопщ!
Дэтхэнэ зымк1и хуэмахуэу,
Анэгум щ1ыр къегъэнэху!
Анэхэм нобэ я махуэщ,
Гуапагъэм дунейр ехьэху!
10.02.2020гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №120042110429