Уи щ1ыб хуэбгъэзэнкъым уи жагъуэгъум зэи... на каб

Уи щ1ыб хуэбгъэзэнкъым уи жагъуэгъум зэи,
Пэжыр зэпхъуэк1ынкъым пц1ык1э укъэзэру,
Зэи емрэ Ф1ымрэ зэхэбгъэгъуэщэнкъым,
Хьэбыршыбырагъэ гъащ1э псок1э пщ1энкъым!

Зэбиит1ыр занщ1эу зэбгъэк1ужыфынущ,
Ичэзум къыщожьэм,укъэк1уэжыфынущ.
Уц1ыху дыщэщ,уеблэм,пхэлъкъым ныкъусаныгъэ...
Ауэ зыхуэсщ1ар сэ нэгъуэщ1щ лъагъуныгъэ!

Щырырет нэхъ лъахъшэу ар,иремылъагэ!
Иремы1э шы1э,хыремылъ хьэл дахэ!
Дуней нэпц1ым тету плъэгъуа гуэныхьыншэ?
Ар сыхуит субыну?Сэ сы1изыныншэ?

Ар къызэрыхэсхрэ мэхъур илъэс т1ощ1!
Пхъуищ дэ здэдгъуэтащи,ф1ыщ1э Тхьэм худощ1!

***Аналог этого стих-я на рус.яз.есть в СБОРНИКЕ1 под названием "ему и Ему"


Рецензии