Сыхуейщ

Зэпэщ дыдэ мыхъуами -
ГъущIу усэр сысейщ,
Ар зыгуэрхэм хуэчэмми,
Уеджэм - уи нэр къэплъэнщ.

СтхамкIэ уэ сыкъомыщIэм,
Абы фIэкIым cокIуэд,
КъыстэщIа дунейм и хьэлъэр,
Стезыхыфынур - уэращ.

Си адэшхуэр къалэмым -
Хуэщэрыуэу щытакъым,
Ауэ кIуэм хьэгъуэлIыгъуэ,
Хъыджэбхэм я нэхъ дахэр къигъафэрт...

Сызыхуейхэр бжэсIэну,
Дэ тIур благъэ дызэхуэхъукъым,
Инженеру сэ соджэ,
Уэ къыхэпхар - нэгъуэщI IэщIагъэщ.

Абы нэхъэйуи уи дежкIэ,
Сэ сы хамэкъуажэщ,
Ижь зызощI, сэмэгу зызощIэри,
УкъыздэкIа жылэр къысхуэмыщIэ?

Фи къуажэ пощтзехьэр сцIыхуатэм,
Ар ныбжьэгъу псынщIэу къэсщIынут,
Си Iэрытхэр зыдэлъ конвертыр,
НэгъуэщIхэм ямылъагъуу абы къуезгъуэтынут?

Ди къуажэм удзкIэ Iэзэу,
Дэсщ нанэ Iумахуэ,
Абы хъущхъуэ схуэзэхимылъхьэм,
Сыкъелынукъым, пхуэсщIа лъэгъуныгъэм.

Си адэш Уейт Баширрэ -
Къылшыкъуэ* и къуэрылъху Раерэ
ФIыIейу зэролъагъухэр,
Дэ зы пIэщхьэгъу дгъуэту:
     сыхуейщ а тIум ещхь дыхъуну.

Ахэм я дэуэдапщэм,
Сы сыщIэлэцIыкIуу сыхэтау щытащ,
Зыри къыслъэщIэмыхьэу есхьэжьауэ щыта
     IурыцIэлъым и IэфIагъыр,
ИмыкIау, нобикI итщ си Iум.
*Къылъщыкъуэ - Сыжажэ Къылъщыкъуэ, джэгуакIуэ.


Рецензии