Дуней гъащIэр...

Дуней гъащIэр къэзгъэнэну си чэзур къэсамэ,
Дауэ фэ къывэзгъэщIэну, си псэр сыт хуэзами?
Тхьэм и нэфIыр къысщыхуами, шынэм сигъэщтами,
ФэзгъэщIэну слъэкIыжын сэ си псэм и гъуэгуанэр?

ИIэт - тIэ, девгъэгупсысыт, нобэ ,дымыгъуазэу,
Игу зэгуэрым демыуауэ пIэрэ дэ дыгъуасэ?
МынэхъыфIу пIэрэ нобэ лей зылъыдгъэсахэм
Ди гуэныхь къытхуагъэгъуну лъэIукIэ захуэдгъазэм?!

Дуней гъащIэр къэзухауэ нобэ сежьэжынум,
Псалъэ лейуэ къэфпсалъынур сыту сэ сщIыжыну?
Гъыбзэ къифшу,фысхуэщыгъуэу гугъу фымыщI си гъуэгур,
ФетIысэхи иужь дыдэу фыкъиплъэж си нэгум!

Фи щытхъуагъи, убэ псалъи,- зэкIэ зэтефIыгъэ,
"Хабзэм тету,"- жыфIэу зыри фымыубыд нарыгъыу!
ФщIэуэ щытмэ,  дунейм  теткъым зы цIыху гуэныхьыншэу
Сытетакъым сэ зы махуи мы щIылъэм Iуэхуншэу!

КъыфщыхъункIэ хъунщ вжесIахэм хэлъу фарыщIыгъэ,
Е бзаджагъэ, хьэрэмагъэ,е пагагъ нэгъыщэ,
СыщелъэIукIэ, лIыгъэу сиIэр зэхэслъхьэу Алыхьым:
Си жагъуэгъуи, си ныбжьэгъуи жэнэт гъуэгу тегъыхьэ...


Рецензии