Уафэ вагъуэбэ. Звездная ночь. На кабардинском язык

Схурикъуу си бзэр, къэсIуэтэну
Сыхуейт жэщ уафэм и дахагъ!
Ар зи инагъ пхуызэщIэкъуэну?
И гъуни, и щIи умылъагъу!

Ар ещхьщ — жьыр IэкIэ быубыдыным,
Щхьэхуитщи, Iэгум IэщIэжынщ.
Хэт лэгъупыкъу дэкIуеифыну?
УкIэлъыбакъуэурэ ткIужынщ!

Вагъуэбэ уэгур нэм щIопщIыпщIэр!
Зыр гъуаплъэщ, адрейр — дыжьынщ.
Хэт инщ, хэт цIыкIущ, хэт нафIэ-гуфIэщ,
Хэт мэупIэрапIэр, хэт нэщхъейщ!

Нэлкъут тепхъауэ къэдабэ жэщыр
Нэм зимыгъэнщIыу къызоплъыхь.
Вагъуэ бжыгъэншэхэм щэху цIыкIуу
Езыхэм сэ сызэпаплъыхь.

Псэлъэн си гугъэу сыщIэдэIуми,
Зы псалъэ жаIэу зэхэзмых.
Макъамэ дахэу си гу къыщыIуми,
Я щэхухэр къысхуызэIуамых.

Сохъуапсэр сэ, Ищхъэрэ вагъуэм
Сылъатэу зыкъыщысплъыхьын.
Шэч лъэпкъ хэмылъу, сэ а щIыпIэм
Телъыджэ куэд къыщыслъэгъунт!

Модэ фыплъэт, щIакIуэ фIыцIэм
Нэлкъут хьэдзэ къыхэжащ.
Гухэлъыр псынщIэу къэзыIуатэм,
Ху­игъэзэщIэну ар лъэтащ!

Шыхулъагъуэ нуру лъэмыж хъарым
Вагъуэзэбынхэр хокIуэдэж.
Вагъуэзэшиблрэ, Вагъуэбашрэ
Емышу нащхьэ къысхуащIыж.

Дыщафэ къалэу зэщIэлындэр,
ТIэкIу-тIэкIуурэ нэхъ фагъуэ мэхъу.
Дыгъэм и пIалъэр къэблэгъащи,
КъуэкIып1э бзийхэр щыхьэт хуохъу!


Рецензии