Пщlыхь. Сон на кабардинском языке
Щхьэукъуэу си щхьэр есхьэхащ.
Жей lэфlыр пкъым къыщыпкъырыхьэм,
Си нахуэр пщlыхькlэ ихъуэжащ!
Солъагъу: зы лlыжь тхьэмыщкlэ щэlуу,
Пlэ щlыlэм хэлъу, лъэрымыхьу.
Уз лажьэм lейу игъэпlейтейуэ
Жьэражьэу, мафlэ къыщхьэщихыу.
Пэш уаем жьыр щызэрызохуэр,
Тхылъ напэр хъушэу къырехуэкl
И щlэпхъэджагъэхэр фlэмащlэу,
Пэшыбжэр губжьу иредзэкl.
«Ухэт уэ, дадэ? Сыт къоузыр?
Уи бынхэм щхьэ ухыфlадза?
Уабгынэжау, уи закъуэ дыдэу,
Гурыму пlэм укъыхана?»
«Сомыцlыхужыми, си дахэ,
Укъызэралъхурэ сыпlурылъщ!
Уи япэ псалъэм щыщlэдзауэ,
Нобэр къыздэсым сыпхуэпэжщ.
Си узыр елъытакъым ныбжьым,
Ар зэлъытар си лъэпкъыращ!
Сагъэпудыху, бзэр лей ящlыхукlэ,
Пlэм лъэрымыхьу сыхэнащ.
Нобэ сэ узым сиубыдами,
Сыщlалэу, лъэщыу сыщытащ!
Адыгэ лъэпкъым нажэгужэу,
Илъэс мин куэдкlэ сыфхэтащ!»
Къызэпсэлъэхукlэ лlыжь жьакlэхур,
Си напэм нэпсыр къысфlожэх.
Имызэгъэжу гур lэплъэпкъым,
Бзэ лъэгъуныгъэр къыпкъырех.
"Си адыгэбзэ! Си бзэ уардэ!
Уэрыншэу лъэпкъыр мэкlуэдыж.
Дыщыуэу удгъэсымаджами,
Къару зэхэлъхьи, къэтэджыж!
Дунейм сыпсоуэ сытетыхукlэ,
Си адыгэгур згъэпсалъэнщ!
Си адэ-анэм я бзэ lэфlыр
Си бынхэм псоми яхэспщэнщ!"
Жьэгу мафlэр щызэщlэзгъэнэжым,
Лlыжь напэм нур къырих хъужащ.
Жьы бзаджэри сабыр щыхъужым,
Унэбжэр быдэу хуэсщlыжащ.
Тхылъ напэр псори зыщlэскъуэжри,
lэнэ лъакъуищым теслъхьэжащ.
Пlэщхьагъым тхылъ къыкlэщlихауэ
Къыщысхуишийм, сыкъэушащ...
Свидетельство о публикации №126112805554