Гущэ уэрэд. Колыбельная песня на кабардинском язык
Лэу-лэу, си дахэ, уи жеигъуэр къос.
Жэщ-тэурыхъыр къокIуэр, вагъуэр уэгум изщ,
Жейм я нэхъ IэфI дыдэр уи пIэщхьагъым щысщ!
Мазэм дыжьын нуркIэ дунейм IэплIэ хуещI,
ПщIыхьым я нэхъ дахэр къыпхуэзэну хуейщ!
Лэу си дыгъэ-щыгъэ, лэу си сабий-нэху!
Уи нэбжьыц баринэхэр жейм къыпхурешэх.
Шы къарэпцIэ лъатэм уэ уигъэшэсынщ,
Хуиту жэщ вагъуэбэм къыщыфлъэтыхьынщ.
Мазэ ныкъуэ цIыкIум тIэкIу ущIэрыIэнщ,
Чысэ дыщэ идэм вагъуэ ипкIутэнщ!
Усэ цIыкIу пхуэзусэурэ ущIызогъэдэIу,
Уи гущэ-хъыринэри щIызоупскIэр тIэкIу.
Лэу си дыгъэ-щыгэ, лэу си сабий нэху,
Си уэздыгъэ цIыкIуу, унэр зыгъэнэху!
Уи бэрэжьей гущэр дадэ пхуигъэпсащ,
Нанэ уи гущапIэр пхуигъэщIэрэщIащ.
Лэу-лэу, си дыгъэ, гущэпс быдэ хъун!
Зи лъэр щабэ цIыкIуу щIылъэм щыувын!
Свидетельство о публикации №126112606662