В. В. Маяковский ФIыцIэмрэ хужьымрэ
Гавана
къэпылъыхьым -
жэнэт - къэралщ,
къэрал къызыхуэтыншэщ
Пальмэм и лъабэжьэм
лъэдий псыгъуэ хъужауэ
фламингэхэр щIэтщ.
Щогагъэ
коларифхэр
икIыхьагъкIэ Ведадо.
Гаванэ
къызэрымыкIуэу
псори щыIупщIщ:
хуэжьхэр - доллэрыбжэщ,
фIыцIэхэр - дэнэт.
Аращи
Вилли
щытщ щёткэр иIыгъыу.
"Энри Клей энд Бок, лимиктедым" деж.
И гъащIэкIэ къапщтэм
Вилли
и щёткэмкIэ куэд итхьэщIащ -
сабэ цIыкIуэхэм фIэкIа мыхуэми
мэз ирикъунщ -
Щхьэщ тетауи
Вилли пщIэжынкъым,
Вилли
и ныбаращи,
адкIэ ипщхьащ.
Зы мащIэщ абы гуфIэгъуэу иIар:
бгъукIэ щылъу сыхьэтиэт зэрыжейр,
къыщылъихьэ къэхъуу
жьыпиэр
портовэ инспекторым,
блэжырэ пэткIэ
негрым
зы цент къыхуидзу.
Апхуэдэу ем зыщыхьумэгъуафIэ?
Ахей
я щьхэр ищIагъыу
къакIухьами сыт хъунт.
Абыщыгъуэми
фIейу нэхъибэж къалъимыкIыуи:
щхьэцыр мин бэжыгъэщ,
лъакъуэхэр -
тIу къудейщ.
Гъуэнэгъут
зыкъизыхыу
блэкI Прадо.
Зэм кIыргът,
зэми къэнэхут,
вёрстищу зэтет джазыр.
Акъылыншэт къырIэщIынут
пэждыдэу
Гаванэ къэхьыжыуэ
жэнэтыр.
Вилли и щхьэкуцIым
къэгъэш-нэгъэш имэщIэщ,
куэдIей къыпыпхын
мащIэу фIэкIау хомысам.
Зы,
зызакъуэщ,
Вилли зубрить ищIау ищIэр
Ари Массо и фэеплъ
мывэм енахуэу быдэу;
"Хужьым
ешх
ананас фоупсыр,
фIыцIэм -
фарэ ма щыуыу.
Лэжьыгъэ хужьыр
зыгъэзащIэр хужьырщ,
лэжьыгъэ фIыцIэр -
фIацIэм."
МащIэ упщIэм Вилли яубырукъым.
Псом хуэмыдэу
зы пхъэ банэу къыхауэ.
А ялей упщIэм зыкъышыъцукIэм Вилли,
щеткэр
Iэпыхут
и IэмкIуэ хуэмыIыгъыу Вилли.
Ар дауи зэхуэза,
иджы уэ жыIэ,
сигарэхэм я королым деж
Энри Клей
къокIуэ
и хужьагъкIэ пшэху хъушэхэм ефIэкIыр,
и дунейкIэ зы дагъуэ зыхуумыщIыфыну
фошыгъу къыщIэзыгъэкIхэм я королыр.
Негырыр
бгъэдохьэ
лыджанэ хужьым:
"Аи бег ёр пардон*, мистер Брэгг!
Фошыгъу
уэсым хуэжэу хужьыр
сыт щхьэкIэ
негыр зэхэуфIыцIамм ищIын х уей?
Уи сигара фIыцIэр
уэ уи пащIэм екIукъым -
Ар зеин х уейяр
негыр кащIацэрщ.
Ауэ уэ
кофе фэшыгъу хэдзауэ
пфIэфIым,
уэзыгъащIэIэкъым
фошагъур езым щIыж".
Апхуэдэ жыпIаур
кхыпхуэгъунт.
Король
уэсу хужплыр
зауэ къохъур гъуэжь.
ЗыцэфIеIуэнтIыкI
королыми
мэ удын,
и перчаткитIри къыхыфIехуэри
иожьэж.
Гъагъэт
телъыджэу ихъуреягъэкIэ
нэм къиплъыхьыр.
Бананхэм
зызытрашыхьати
зи унэ плеуалъэт.
Негырым
лъа къызырахуа и пэр
ирилъэщIэкIри,
и Iэ лъы защIэр
и гъуэншэдж хужьым щихуэжащ.
ГъумэтIымэщ
и пэ удын зыхьам къипсэлъыкIыуэри,
и щеткэр
и напэпкъыр иIыгъыурэ къыщтэжащ.
Абы дэнэ щи щIэнт
а упщIэ иIамкIэ,
зыздэхуигъэзэн х уеяр
Москва дэт
Коминтерныр арад.
*къысхуэбгъэгъунщ.
Свидетельство о публикации №126112104229