Зыпумышэ аф1эк1а ц1ыху 1ейм

Мы дунейм щызек1уэ щхъуэк1эплъык1эр
Ф1ыц1э защ1эу нобэ уэ болъагъу.
Къыбжьэдок1 мыувы1эу псалъэ дыджыр,
Мы дунейм зыф1 тету умылъагъу.

Уи 1уэху зэхэмык1ым бзаджэ уищ1ри,
Укъамыц1ыхужу уэ ухъуащ.
Уэ нэхъапэм дахэ псор зыхэпщ1эрт,
Ц1ыхум уэ уиф1 куэди ялъэгъуащ.

Мы дунейр зэхэлъщ хужь-ф1ыц1э кусэу,
Т1эк1у зышы1э,хужьми унэсынщ.
1ей къызыжьдэк1ам зыхуэбгъэгусэу,
Ещ1 зумыщ1 уэ ,ухущ1егъуэжынщ.

Зыпумышэ аф1эк1а апхуэдэм,
Гъащ1эм ухуишами,дерс къыхэх.
Сытым дежи гум игъэлъ уэ быдэу,
Удз дыджыжьым дыджу щхъухь къыхах.

Удз гъэгъарщ хущхъуэф1хэр къызыхахыр,
Уэри уэшхь а ц1ыхухэм къахэхыф.
"Узигъусэр,-жа1э,-уэ къызжеп1эм,
Уэри узыхуэдэр сэ бжес1энщ".

Жа1эми,пэж дыдэу къызолъытэ,
Ц1ыху дагъуэншэ теткъым мы дунейм.
Уи щыуагъэм хуэпщ1ыжам гулъытэ,
Ар бгъэзэк1уэжынуи тынш1ейщ.

2026г.,октябрь


Рецензии